Къайсэр пщащэ...
Фlылъагъуныгъэ дэхащэр, си псэ,
Уи нэфlыцlитlым къыщlех.
Гугъэфlурэ ныпхуэсщlахэр, дахэ,
Уи нэгум нуру къырех,
Уи лъагъуныгъэмэ сызэпкъырех.
Ежьу:
Къафэурэ, джэгуурэ,
Джэгум и фащэурэ,
Нэ фlыцlэ пlащэурэ
Уэ си дуней,
Си дахэкlей.
Си гущlэм мафlэр щызэщlэнащи
Сыныпlуплъэхукlэрэ сфlес.
Фlылъагъуныгъэ пхуэсщlащи щэхуу
Си щэхур нахуэм сфlынос.
Гъащlэ насыпыурэ сыхущlохъуэпс.
Ежьу
Уэращ си гущlэр зыгъэубзэфыр,
Зыгъэlэсэфыри уэрщ.
Нэм уфlэдахэуэ, псэм уфlэlэфlу
Насыпу укъызитащ.
Гъащlэ насыпыурэ укъызитащ.
Нэхущ Чэрим еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1