Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Нэхущ Чэрим - Къайсэрый пщащэ | Текст песни

Фlы лъагъуныгъэр дахащэ,си псэ
Уи нэ фlыцlитlым къыщlех
Гугъэфlурэ уэ ныпхуэсщlахэр дахэ
Уи нэгум нуру къырех.
Уи лъагъуныгъэмэ сызэпкъырех.

Къафэурэ джэгурэ,
Джэгум и фащэурэ,
Нэ фlыцlэ пlащэурэ уэ си дуней, си дахэкlей....

Си гущlэм мафlэр щызэщlэнащи
Сыныпlуплъэхукlэрэ сфlес.
Фlы лъагъуныгъэр пхуэсщlащи щэхуу,
Си щэхур нэхум сфlынос.
Гъащlэ насыпурэ сыхущlохъуэпс...

Къафэурэ джэгурэ,
Джэгум и фащэурэ,
Нэ фlыцlэ пlащэурэ уэ си дуней, си дахэкlей....

Уэращ си гущlэр зыгъэубзэфыр
Зыгъэlэсэфыри уэрщ,
Нэм уфlэдахэм уэ псэм уфlэфlу
Насыпу укъызитащ.
Гъащlэ насыпурэ укъызитащ.

Къафэурэ джэгурэ,
Джэгум и фащэурэ,
Нэ фlыцlэ пlащэурэ уэ си дуней, си дахэкlей....

Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Популярное сейчас
Видео
Нет видео
-