Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Сати Казанова - Бодыноко | Текст песни

1. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,
Нартхэ ди Бэдынокъуэ...
Ежьу: Уэрирэ, уэрирэ, уарира!
2. Нартхэ ди лIы икъугъэ... Ежьу: Уэрирэ, уэрирэ, уарира! 3. Чынтыр зи ныкъуэкъуэгъуи...
4. Хьэрхуэрэгъу и бащэ...
5. И зы пкъыгъуэри пкъыгъуищэ!
6. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, И зекIуэнри къыщохьэ.
7. Ишми уанэ трелъхьэ...
8. Шы ныбэпхри щIекъузэ...
9. ЗэщIекъузэри ношэскъэ.
10. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, Нартхэ ди Бэдынокъуэ...
11. Нартхэ ди лIы икъугъэ...
12. ЛIыхъур ныдошэсыкIри.
13. Шы пэбзийм кърихумэ...
14. Гъуэгу напщIэр елыгъуэ.
15. Хьэ самыр кIагуитIри...
16. И бгъуитIым щоджэгумэ.
17. И бгъэ гъэсагъитIри...
18. И щхьэм щофэразэмэ.
19. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, Нартхэ ди Бэдынокъуэ! 20. И дамэ лъэныкъуэми...
21. Дыгъэшхуэр къыщопсымэ.
22. И дамэ лъэныкъуэми...
23. Уэсышхуэр къыщосмэ.
24. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, Нартхэ ди Бэдынокъуэ... 25. ПсыжькIэ кърогъуазэри...
26. ГъуазэкIэ кърыдокIри.
27. Псыжьуэ икIыгъуэншэри...
28. Шы джабэпс хуэмыхъуурэ.
29. ЛIыхъур зэпрокIмэ.
30. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, Нартхэ ди Бэдынокъуэ... 31. Нарт IэхъупIэми нытохьэ.
32. Нартхэ Iэхъуэми ныIуощIэ.
33. - Бэхъу апщий! - жреIэ.-
34. Нарт хъыбари сыгъащIэ. http://song5.ru

Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
Нет видео
-