Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Светлана Тхагалегова - Адэжьхэм я уэрэд | Текст песни

Уей, си къуэш цlыкlуу си шынэхъыщlэ,
Ей, уи къуажэжьмэ зэ дынэгъэс,
Нанэ и жьэгум мафlэ щыдгъэщlи
Япэхэм хуэду тlэкlу дыдэгъэс.

Уи шыуан цlыкlур лъахъшэу фlэдгъадзи
Шыкlэпшынэжьыр блыным къыфlэх,
Мы си губампlэми жьыр схудебгъэхуу
Ди уэрэдыжьыр уэ зыхэзгъэх.

Нанэ кхъуейжьапхъэ къытхуищl нэхъей
lэнэ хъурейри къэдгъэувынщ,
– Сыт фэ хуэмыхухэр фыщlэнэщхъейр? –
Жиlэурэ дадэ къыдэшхыдэнщ.

Тхуэмыдэ куэдхэр денейм къелащ,
Цlыху напэ, хэкур япэ ивгъэщ.
Гъащlэм и нэпцlхэм фыдахьэхащ,
Зэвгъащlэ – гъащlэр зы гъуабжэгъуэщщ.

Уей, си къуэш цlыкlуу си шынэхъыщlэ,
Ей, уи къуажэжьым дэ дынэгъэс,
Пхъэ дакъэжь мафlэ жьэгум щыдгъэщlи
Ди сабиигъуэм дыбгъэдэгъэс.

Тхьэгъэлэдж Светланэ • Нэгъыщэ: а, с, т

Светлана Тхагалегова еще тексты


Видео
Нет видео
-
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2