Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Старое исполнение - Шагъдий | Текст песни

Си шы къарапцIэу
ПцIащхъуэу щIэлъэтым,
Ди губгъуэ куэщIыр
Уи зэ ичыгъуэщ!

Уэ уи лъэмакъыу
Тхыдэм къыщыджэр, Ежьу: Уо-рэйра!
ЛIыгъэ макъамэм
И джэрпэджэжкъэ!

Ежьу:
Ей, адыгэш къабзэу
Сэ си шагъдий!
Ей, шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий!
Адыгэш къабзэу
Сэ си шагъдий! (Уо-рыра!)
Шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий!

ЛIыхъур уэрыншэм
Iэщэншэ къабзэт!
Уи бзэм щыгъуазэм
Урибгъэ дамэт!

Лъэпкъым и гуауэр
Уэ дэбгуэшакъэ!
Лъэпкъым и гуапэм
Уэ ухэтакъэ!

Ежьу:
Ей, Адыгэш къабзэу
Сэ си шагъдий!
Ей, шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий!
Адыгэш къабзэу
Сэ си шагъдий! (Уо-рыра!)
Шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий!

Шыгъажэ хъуамэ,
Щытхъур къыбохьыр!
ЩIыхьыр зыхъумэр
Шагъдий и куэпкъкъэ!

Адыгэш къабзэу
Сэ си шагъдий! Ежьу: Уо-рэйра!
Шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий!

Ежьу:
Ей, Адыгэш къабзэу
Сэ си шагъдий!
Ей, шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий!
Адыгэш къабзэу
Сэ си шагъдий! (Уо-рыра!)
Шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий!

Старое исполнение еще тексты


Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
Нет видео
-