Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Х.Кунижев - Сэрмахуэ | Текст песни

Насыпыншэу зэман бзаджэм дыхалъхуэ,
Мылъхуэжыныр пщыжь-уэркъыжьхэм къахукIуэ, уэ-у-о-, уей, сэрмахуэ
ХьэщIэ къакIуэм пшылI хъыджэбзхэр иращэ,
Жэщыр хъумэ, гупсысэным дегъалIэ, уей, сэрмахуэ.
Щэныбэжщэм пшылI сабийхэр яукIыр,
КIэ имыIэу я гъы макъыр зэхохыр, уей, сэрмахуэ.
Хей ящIамэ, дэ дымысэу къыщIокIыр,
КIэ имыIэу я бэлыхьыр дошэчыр, уей, сэрмахуэ.
Мы гъэрэщым сэкъатыншэу докIуадэ,
Ди кIуэдыкIэм пщылI фызыжьхэр йолIыкIыр, уей, сэрмахуэ.
Япэ лIахэм дащIэхъуэпсу дыкъонэ,
Дяужь къинэм я нэсыпыр текIуэнущ, уей, сэрмахуэ.
Насыпыншэу зэман бзаджэм дыхалъхуэ,
Мылъхуэжыныр пщыжь-уэркъыжьхэм къахукIуэ, уей, сэрмахуэ

Х.Кунижев еще тексты


Видео
Нет видео
-
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1