Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Хьэхъупащlэ Амырхъан & Ансамбль "Мамлюки" - Адыгэ уафэ | Текст песни

Pesni.guru - сайт для Гуру

Адыгэ хабзэ
Музыка Умара Тхабисимова

Слова Бетала Бахова


Адыгэ хабзэм хэзымыщlыкlыр

Къуршхэм еупщlмэ, къыжраlэнщ,

Адыгэ лlыгъэр зыщlэн зыфlэфlым

Джатэдзэм lуплъэм къыгурыlуэнщ.



Ей, жи, си Адыгей,

Ей, жи, уэ си дуней,

Къежьут уэрэдым уэри, ныбжьэгъу,

Адэм зэранэкlар,

Ноби зэдмыхъуэкlар,

Гум и уэрэду бэм лъыреlэс.



Адыгэ пщащэ умылъэгъуамэ,

Гъатхэ мазэщlэм зэ худэплъей,

Адыгэ пшынэ зэ уедэlуамэ,

Къыпхуэщlэжынкъым здэщыlэр жей.



Гъуэгуанэ жыжьэм утеувэнум,

Адыгэ щlалэ гъусэ зыдэщl.

Адыгэ хэкур зэщхьыр къэпщlэнум,

Гъэмахуэ дыгъэм плъапlэ ныхуэщl.



Адыгэ напэр, дэ ди нэмысыр

Пщэдджыжь уэсэпсым уигъэлъагъунщ,

Ди хьэгъуэлlыгъуэр уигум зэ нэсмэ,

Узыщыщ лъэпкъыр пщыгъупщэжынщ.


Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
Нет видео
-