Гъуэгу жыжьэ сыкъикlри нобэ
Сэ хьэщlэу сыкъыпхуэкlуащ,
Гъуэгу жыжьэ сыкъикlри нобэ
Сэ хьэщlэу сыкъыпхуэкlуащ.
Зы lэплlэ къызэшэкl закъуи
Зы упщlи укъызэмыупщl,
Зы lэплlэ къызэшэкl закъуи
Зы упщlи укъызэмыупщl.
Ежьу:
Адэ хэкужьу Кавказу,
Уэ, си псэ, уэ, сэ си дуней,
Хамэ хэку сыщезэшащи
Уи куэщlым сыщыгъэжей.
Къысхуэфхьи зы щlакlуэ фlыцlэ
Сешащи тепlэн къысхуэфщl
Къысхуэфхьи зы щlакlуэ фlыцlэ
Сешащи тепlэн къысхуэфщl
Сыдэфшей lуэщхьэмахуэжьми
Си щ1ыбыр езывгъэгъэщl
Сыдэфшей lуэщхьэмахуэжьми
Си щ1ыбыр езывгъэгъэщl
Ежьу
Сэ си гум хэлъыр иджыпсту
Гумахэу къыпхуэсlуэтэнщ,
Сэ си гум хэлъыр иджыпсту
Гумахэу къыпхуэсlуэтэнщ,
Си жьэ к1уэц1 щапха гупсысэхэр
Тlэкlу-тlэкlуу къыпхуэстlэтэнщ,
Си жьэ к1уэц1 щапха гупсысэхэр
Тlэкlу-тlэкlуу къыпхуэстlэтэнщ
Ежьу
Гъуэгуанэ жыжьэ тетахэм
Я уэрэдым къыщlэдэlукl,
Гъуэгуанэ жыжьэ тетахэм
Я уэрэдым къыщlэдэlукl,
Зеиншэу къэна уи бынхэми
Уи бгъафэ хузэlухыж,
Зеиншэу къэна уи бынхэми
Уи бгъафэ хузэlухыж.
Ежьу
Хэхэс еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 4