Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Черим Нахушев - Жей си lэфl'2006 | Текст песни

Мазэ тхьэгъу лъэныкъуэр
Уафэм к1эрыщ1ащ.
Вагъуэ ц1ык1ухэр щыгъэу
Зэбгырыщэщащ...
Жэщыр пщ1ыхь жахащэу
1упхъуэм къызэхопщ,
Уэри мыщ1э ц1ык1уу
Гущэм укъыхощ.

Жей, си 1эф1, си ф1ыгъуэ,
Жей си гурыф1ыгъуэ,
Сикъудамэ ц1ык1уу
Къыдэжа!
Жей, си нэху, си дыгъэ,
Жей, си насып щыгъэ,
Си удз гъэгъа ц1ык1уу
Къыхэжа!

Сыт ущ1емызэгъыр,
Си гуф1эгъуэ щэху?
Щабэщ уи гущап1эр-
Тыншу зыгъэпсэху.
Жей, сы дыщэ к1анэ,
Жэщыр зэгъэжащ.
Сэ уи уэрэд ц1ык1ум
Къытезгъэзэжащ.

Жей, си 1эф1, си ф1ыгъуэ,
Жей си гурыф1ыгъуэ,
Сикъудамэ ц1ык1уу
Къыдэжа!
Жей, си нэху, си дыгъэ,
Жей, си насып щыгъэ,
Си удз гъэгъа ц1ык1уу
Къыхэжа!

Жей, зи насып псынэм
Псышхуж ирижэн,
Гъэ зэрытехьэххэу
Лъапэк1э зежэн.
Жей, си ф1ыгъуэ закъуэу
Нэхулъэф1 къысхуек1ын,
Сэ гуф1эгъуэ нэпсхэр
Зыхущ1эзгъэк1ын.

Жей, си 1эф1, си ф1ыгъуэ,
Жей си гурыф1ыгъуэ,
Сикъудамэ ц1ык1уу
Къыдэжа!
Жей, си нэху, си дыгъэ,
Жей, си насып щыгъэ,
Си удз гъэгъа ц1ык1уу
Къыхэжа!

Гъуджэм, зысщыбгъэпщк1уу,
Хъумэ уиплъэрей,
Сэ пхуэсщ1ынкъэ
Тыгъэу
Щы1э псом я лейр:
Мазэ тхьэгъу лъэныкъуэр
Къыпхуэслъыхъуэжынщ,
Вагъуэ щыгъэ ц1ык1ухэр
Къыпхуэсщыпыжынщ.

Жей, си 1эф1, си ф1ыгъуэ,
Жей си гурыф1ыгъуэ,
Сикъудамэ ц1ык1уу
Къыдэжа!
Жей, си нэху, си дыгъэ,
Жей, си насып щыгъэ,
Си удз гъэгъа ц1ык1уу
Къыхэжа!

Другие названия этого текста
  • Черим Нахушев - Жей си lэфl'2006 (0)
  • Черим Нахушев - Жей си IэфI (колыбельная дочери) (0)
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 4
Популярное сейчас
Видео
Нет видео
-