Уэ гуф1эгъуэ умылъагъу
Упсэуащ зеиншэу, си адэ,
Уэ узэрыц1ык1урэ гугъу уехьащ.
Сабий унэм ущап1ауэ,
Гугъуехь куэд къызэбнэчауэ,
Уи щ1элэгуэр к1уащ,
Уи щхьэцыр тхъуащ.
Быным укъыттеубгъуауэ,
Псэм дыпэпщу уэ дыбп1ауэ,
Гъащ1эм дызыхуер щыдыбгъэгъуэтащ.
Уэ уи гъащ1эм хэлъа гуауэм,
Уи пщ1э лъагэм елъытауэ
Мы уэрэдыр, си ад,э пхуэзусащ
Си адэ, зэик1 уэ ущыуакъым
Си адэ, 1ем дыхуэбгъэзакъым.
Уэ еда1уэ птеухуауэ уэрэд.
Мыр урэдщ, мыр гъыбзэу стхакъым,
Си гу имылъ къэзгупсысакъым.
Дунейм сэрк1э уэр нахълъап1эр хэт?
Быным укъыттеубгъуауэ,
Псэм дыпэпщу уэ дыбп1ауэ,
Гъащ1эм дызыхуер щыдыбгъэгъуэтащ.
Уэ уи гъащ1эм хэлъа гуаэм,
Уи пщ1э лъагэм елъытауэ
Мы уэрэдыр си адэ пхуэзусащ.
Уэ гуф1эгъуэ умылъагъу Упсэуащ зеиншэу, си адэ,
Уэ узэрыц1ык1урэ гугъу уехьащ.
Сабий унэм ущап1ауэ,
Гугъуехь куэд къызэбнэчауэ,
Уи щ1элэгуэр к1уащ,
Уи щхьэцыр тхъуащ.
Быным укъыттеубгъуауэ,
Псэм дыпэпщу уэ дыбп1ауэ,
Гъащ1эм дызыхуер щыдыбгъэгъуэтащ.
Уэ уи гъащ1эм хэлъа гуаэм,
Уи пщ1э лъагэм елъытауэ
Мы уэрэдыр си адэ пхуэзусащ.
Черим Нахушев еще тексты
Сейчас смотрят
- Черим Нахушев - Си адэ [Мой отец], кабардинский
- Dub FX - Step On My Trip (Beatbox, Trip-Hop)
- Добро пожаловать. - Правил, как-таковых - нет, но есть одно, не правило, а скорее, золотая просьба: не молчим, коли уж добавились.) Массовку не держу. Увы. А так, - рада всем тем, кто добр и приветлив :)
- Скандинавская сага - о павших воинах...
- В.Захаров - Я в первый раз...
- Dima Bilan - Between the sky and heaven (На берегу неба)
- Бейбит Сейдуалиева - Ностальгия
- Saba Lou - Good Habits (and Bad) (OST Clarence)
- ▒▓█♡ √ιק ♡Ульяночка ♡ √ιק ♡█▓▒ - Не верь мне
- Di - The One (https://vk.com/zlodi777)
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1