Нэхущ Чарим
\"Уэ сыножьэ\"
Дыгъэр пшэхэм къызэпхедз
Гугъап1э бзийхэр зэ бгыредз
Уэ зыращ си псэм хэпщ1ар
Къэзгъуэту зэ зф1эк1уэдыжар
Уэ си гъэщ1э ипхъэхуат
Уэрэду сэ усхуэусат
Ауэ сф1ощ1 пщ1ыхьэм сыхэт
Си лъагъуныгъэр с1эзэщ1ыха хэт
Уэ сыноджэ къызэплъыжыт зэ си дахэ
Уэ сыножьэ си нэм къыщ1ыхьэж
Уэ сыноджэ сызэлъэхъум согумахэ
Уэ сыножьэ си деж къэгъэзэж
Лъагъуныгъи зыхуэт1щ1ат
Гухэлъхэр дэ здэдгъэпэжат
Ауэ сэ къысхуэмыщ1эж
Зи лъагъуныгъэр зыхэзыкъутэж
Си гум 1эфу укъинащ
Уи нит1ыр пщ1ыхьу къысхуэнащ
Сыноджэж умып1эщ1эж
Уи 1эпл1эр си пкъым зэкъегъэщ1эж
Уэ сыноджэ къызэплъыжыт сэ си дахэ
Уэ сыножьэ си нэм къыщ1ыхьэж
Уэ сыноджэ сызэлъэхъум согумахэ
Уэ сыножьэ си деж къэгъэзэж
Уэ сыноджэ къызэплъыжыт сэ си дахэ
Уэ сыножьэ си нэм къыщ1ыхьэж
Уэ сыноджэ сызэлъэхъум согумахэ
Уэ сыножьэ - си деж къэгъэзэж!
Черим Нахушев еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2