Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Черим Нахушев - Уэрэ сэрэ (Къуэдзокъуэ Хьэсанэ иуса) | Текст песни

Уэрэ сэрэ
Къуэдзокъуэ Хьэсэн и щхьэгъусэ
Ащнокъуэ - Къуэдзокъуэ Тамарэ хуитхащ.

Мы уэрэдыр хэк|уэтауэ пхуэзусами,
Мы си щхьэцым уэс мытк|ужыр къытесами,
Сэ къысф|ощ|ыр уэрэ сэрэ
Япэу нобэ дызэхуэзэу.
Уэрэ сэрэ,
Уэрэ сэрэ
Япэу нобэ дызэхуэзэу.

Гъащ|э гъуэгур къыттехьэлъэу къыздэтк|уами,
Гугъуехь псоми дызэгъусэу дытек|уами,
Сэ къысф|ощ|ыр уэрэ сэрэ
Гъуэгум нобэ дыздытехьэу.
Уэрэ сэрэ,
Уэрэ сэрэ
Гъуэгум нобэ дыздытехьэу.

Бгым дыдэк|ыу къехыжып|эм дыкъэсами,
Пщэдей гъащ|эр гум, зэхищ|эу, къе|усами,
Сэ къысф|ощ|ыр уэрэ сэрэ
Гъуэгуанэшхуэ къытпэщылъу.
Уэрэ сэрэ,
Уэрэ сэрэ
Гъуэгуанэшхуэ къытпэщылъу.

Другие названия этого текста
  • Чарим Нахушев - Уэрэ сэрэ (Къуэдзокъуэ Къуэдзокъуиуса) (1)
  • Черим Нахушев - Уэрэ сэрэ (Къуэдзокъуэ Хьэсанэ иуса) (1)
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Популярное сейчас
Видео
Нет видео
-