Мы уэрэдыр хэкlуэтауэ пхуэзусами,
Мы си щхьэцым уэс мыткlужыр къытесами,
Сэ къысфlощlыр уэрэ сэрэ япэу нобэ дызэхуэзэу,
Сэ къысфlощlыр уэрэ сэрэ япэу нобэ дызэхуэзэу.
Уэрэ сэрэ,
уэрэ сэрэ
япэу нобэ дызэхуэзэу.
Гъащlэ гъуэгур къыттехьэлъэу къыздэткlуами,
Гугъуехь псоми дызэгъусэу дытекlуами,
Сэ къысфlощlыр уэрэ сэрэ гъуэгум нобэ дыздэтехьэу,
Сэ къысфlощlыр уэрэ сэрэ гъуэгум нобэ дыздэтехьэу.
Уэрэ сэрэ,
уэрэ сэрэ
гъуэгум нобэ дыздэтехьэу.
Бгым дыдэкlыу къехыжыпlэм дыкъэсами,
Пщэдей махуэр гум зэхищlэу къеlусами,
Сэ къысфlощlыр уэрэ сэрэ гъуэгуанэшхуэ къытпэщылъу,
Сэ къысфlощlыр уэрэ сэрэ гъуэгуанэшхуэ къытпэщылъу.
Уэрэ сэрэ,
уэрэ сэрэ
гъуэгуанэшхуэ къытпэщылъу.
Черим Нахушев еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2