Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Черим Нахушев - ФӀэмыщӀынэ нэ фӀыцӀитӀ | Текст песни

Псалъэ: Нэхущ Ч.
Макъамэ: Нэхущ Ч.

НапӀэр къысхуэӀэти къиплъэ сигу
Гухэлъ къабзи сэ къысхузэӀух
Жэщ мазэгъуэ вагъуэу къысхуэлыд
Дахэ! Вагъуэу къысхуэлыд.

Си дахащэу нэ дахитӀым
ФӀэмыщӀынэ нэ фӀыцӀитӀым
Пщэдджыжь пшэплъыр зи ӀупитӀым
Гухэлъ щэхухэр къызжаӀащ
Си дахащэ нэ дахитӀым
ФӀэмыщӀынэ нэ фӀыцӀитӀым
КъызэӀущэщапэурэ, щэхуу къызжаӀащ
Щэхуу къызжаӀащ, щэхуу къызжаӀащ
КъызэӀущэщапэурэ, щэхуу къызжаӀащ.

Уэ сызэхомыщӀэ зыпщӀми
Си гур зыхуэныкъуэр уэзыращ
СурищӀылъэныкъуэщ си дуней
Дахэ! Сыпхуэныкъуэщ уей.

Си гур насып лъыхъуэщ ныщӀежьар
Жьыми щӀэми я гугъапӀэщ ар
Егъэблагъи жьантӀэм щыгъэтӀыс
Дахэ! ЖьантӀэм щыгъэтӀыс

Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Популярное сейчас
Видео
Нет видео
-