Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Черим Нахушев - Хьэтх гъуазэм икъуэ Мыхьэмэт и уэрэд | Текст песни и Перевод на русский

Едгъажьэмэ, бэрэ Iумахуэт,
Къигъэзэжмэ, ди махуэгъитIт!
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыфIэмэ -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Сэ зы махуэкIэрэ уэ укъэзгъуэтыжтэмэ,
Сабий джанэншэхэм захуэпэжынт!

Зи пщIэгъуалэр къуршыщхьэм щызекIуэ,
Зи зекIуапIэри зи гупсысапIэ!
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
И къуэ закъуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Езы Алыхьым сэ укъызитыжтэмэ,
Бжьыхьэ жэщ кIыхьыр жеипэ закъуэкIэ уэзгъэкIунт!

Махуэр хъумэ, гъыбзэр соус,
Жэщыр хъуамэ, согузэсэж,
Ар зи закъуэмэ сытхэр и махуэ,
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэт!
Сэ зы махуэкIэрэ уэ укъызитыжтэмэ,
Данэху-данапIэу си пIэ щIыжыгъэм ущызгъэжеинт!

Сэ уи унэм сыщIумыгъэсыми,
Сэ уи хьэщымэ зыщызгъэлIэнут!
Ар езыр хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьмэтт!
Алыхь, алыхь, сэ укъызитыжтэмэ,
Данэху-данапIэу си пIэ щIыжыгъэм ущызгъэжеинт!

Брулыжьыр бэрыжьеяфэт,
Ар зи афэри бдзапцIэшэ Iунэ?
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Ар зы махуэкIэрэ сэ укъэзгъуэтыжтэмэ,
Ди мэжэщIалIэхэм загъэнщIыжынт!

Зи анэжьыр щхьэлъащIэ уэс,
Зи щуIэгъри бгъафэ чэсей,
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Сэ зы махуэкIэ уэ укъэзгъуэтыжтэмэ,
Добракъыбгъэурэ бжьэубгъэ быдзым ущызгъэжеинт!

Зи шыпхъу цIыкIур зыхуэбзэгуфIэ,
ЩуIэгъэфIри зыфIагъэкIуэд!
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Сэ зы махуэкIэрэ уэ укъэзгъуэтыжтэмэ,
Данэху-данапIэм ущызгъэжеинт!

Дзажэжьхэр зыхуагъэхъыжьэ,
Фо махъсымэри зыхуагъэжабзэ!
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Сэ зы махуэкIэрэ уэ укъызитыжтэмэ,
Бжьыхьэ жэщ кIыхьыр жеипэ закъуэкIэ уэзгъэгъэкIуэнт!

Индылыжьым и нэр къыщопкI,
ЗэпрокIри шыбэр къреху!
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Езы Алыхьым сэ укъызитыжтэмэ,
Мы дуней зылIти узизгъэIэнт.

Зи пщIэгъуалэр нэзкIапэщIэплъ,
Зи щуIэгъэм хуемыплъэкIыж!
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Алыхь, алыхь, сэ укъызитыжтэмэ,
Сабий джанэншэхэм захуэпэжынт!

Зи пщIэгъуалэр къуршыщхьэм щыджэгу,
Хур хъыджэбзхэр зи дэджэгуэгъу!
Ар езыр хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Сэ зы махуэкIэ уэ укъызитыжтэмэ,
Мы дуней зылIти узизгъэIэнт!

БланэшкIэхэр зи хьэщIэныш,
Бланэшэхэр зи Iэпэшыпс!
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Езы Алыхьмэ сэ укъызитыжтэмэ,
Мы дуней зылIти узизгъэIэнт!

Зи пщIэгъуалэр данэ сокупцIэ,
Зи афэр бдзапцIэшэ Iунэ!
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
И къуэ закъуэурэ ди Мыхьэмэтт!
Сэ зы махуэкIэрэ укъызитыжтэмэ,
Данэху-данапIэурэ си пIэ щIыжыгъэ ущызгъэжеинт!


Черим Нахушев еще тексты


Перевод Translate.vc



Другие названия этого текста
  • Черим Нахушев - Хьэтх гъуазэм икъуэ Мыхьэмэт и уэрэд (1)
  • Нэхущ Чэрим - Хьэтх гъуазэм икъуэ Мыхьэмэт и уэрэд (1)
Видео
  • нэхущ чэрим - гъуэгу жыжэ - çerkes müziği нэхущ чэрим - гъуэгу жыжэ - çerkes müziği
    Анкъара Адыгэ Хасэм шыригъэк1уэк1а Нэхуш Чэрим и консэрт. Черим Нахушев Турция ... 10:35. Хьэтх гъуазэм икъуэ Мыхьэмэт и уэрэд ...
  • Алий и гъыбзэ Нэхущ Чэрим Алий и гъыбзэ Нэхущ Чэрим
    Алий и гъыбзэ Нэхущ Чэрим ... Нэхущ Черим - Уи пщэдджыжь фIыуэ. ... Хьэтх гъуазэм икъуэ Мыхьэмэт и уэрэд ― Нэхущ Чэрим ...
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1