Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Азамат Хамурзов — - И анэ еплъи ипхъу къашэ | Текст песни

Хъуащ си къэшэгъуи, зыбжанэ щlауэ,
Цlыхум хуэмыхьыр ди деж сагъэхь.
Сщlынур сымыщlэу нобэ щыкъуанэ,
Къуажэ фызыжьым саныхоплъыхь.

Ежьу:
И анэ еплъи ипхъу къашэ — адыгэ псалъэжь!
Фыз къыщытшэм утщогъупщэж, уой.
И анэ еплъи ипхъу къашэ — адыгэ псалъэжь!
Фыз къыщытшэм утщогъупщэж.

Нанэхэр дыщэщ, дагъуэ ямыlэ,
Укъимыкlуэту малъхъэ захуэщl.
Екlухэщ, зэкlужхэщ хуэдэ щымыlэ,
Уи нэр уфlыцlи lэпэ яхуэщl!

Ежьу

И анэм ещхьу къэсшащ нысащlэ,
Ныбжьэгъухэм жаlэ: «Къыхиудащ»!
И жьэр зэщlихым дыкъыхегъащlэ,
Жьантlэри пасэу плъапlэ тфlищlащ.

Ежьу

Сщlащ сэ щхьэгъусэ зыбжанэ щlауэ,
Цlыхум хуэмыхьыр абы сегъэхь!
Ещхькъым нысащlэр зыкlи и анэм,
Уфlэфlыхункlи щlы уэ хэплъыхь!

Ежьу

Хъуащ си къэшэгъуи, зыбжанэ щlауэ,
Цlыхум хуэмыхьыр ди деж сагъэхь.
Сщlынур сымыщlэу нобэ щыкъуанэ,
Къуажэ фызыжьым саныхоплъыхь.

Ежьу

Азамат Хамурзов — еще тексты


Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
    Нет видео
    -