Ежьу: Ф1ылъэгъуныгъэр щымы1амэ, Мы дунейшхуэр мыгъэгъэнт. Ар ц1ыхухэм я гум имылъамэ, Ц1ыху насыпыф1и щымы1энт. 1. И лъабжьэр щ1ылъэм хэмытамэ, Жыгышхуэр сытым щ1и1ыгъэнт? Дыгъэшхуэр уэгум имытамэ, Гуф1эгъуэр сытым хуэгъэгъэнт?
2. Жьапщэр къыкъуээурэ къыхитхъамэ, И къуэпсыр щ1ылъэм хэк1уэдэнт. Е ар гу бамп1эм зэгуитхъамэ, И щхьэк1эр гъатхэм мыгъэгъэнт. 3. Уи лъэгъуныгъэр мы си гъащ1эм, Дыгъэу сыт щыгъуи щхьэщытащ. Къыпэлъэщынтэкъым си гъащ1эм, Борэни жьапщи зэхыхьам.