Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Молэ Алиҳан - Šоԇэроҟ’э | Текст песни

Шэджэрокъуэти (уойэ) Шэджэрокъуэтхъуэт (аейирэ)
лоутхъуэжь гущэ, уэй маржэ, лъэгуажьэфlыцlэт

Фоч фlыцlэжьыри (уойэ) къантэлоут (аейирэ)
зи лоужь гущэр, уэй маржэ, мэзкlапэрыплъэт

Зи гъусэбэмэ (уойэ) пэмыплъэжар (аейирэ)
Вытхьэкlумэ икъуэт, уэй маржэ, Къэниболэт

Чэрнэморэу (уойэ) мы ди щхъуэжь къомыр (аейирэ)
зимыуасэкlэрэ, уэй маржэ, здыдогъэкlуэдыр

Щlэдгъэкlуэдыри (уойэ) диадэкъуэшти (аейирэ)
Вытхьэкlумэ икъуэт, уэй маржэ, Къэниболэт

Дэ Лабэжьымэ (уойэ) дыщыдэсам (аейирэ)
матушкlэжь гущэхэр, уэй маржэ, ди саугъэтти

Мы Алмыжьымэ (уойэ) щидгъэзэкlыжым (аейирэ)
къэзакъ сотнэ гущэр уэй маржэ зытыдогъакlуэр

Дэ пхъэрышхуэри (уойэ) къыщыткlэлъыкlуэм (аейирэ)
жыр мащтэ гущэм, уей маржэ, зыхузогъадэ

Сэ схуэмыдэурэ (уойэ) зэзмыпэсам (аейирэ)
синэщlыбагъкlэрэтlэ, уэй маржэ, зыкъысщегъэпщкlур

Сэ схуэмыдэурэ (уойэ) зэзмыпэсам (аейирэ)
мы си пащхьэм гущэм, уэй маржэ, зыкъыщегъалlэ

( АЙ )Дарийуэрэ (уойэ) си джэнхъурейр (аейирэ)
шырыкъу лъапэкlэрэ, уэй маржэ, схузэхачатхъэ

Сэ уэркъ щауэхэм (уойэ) захуэскдэтхъэнут (аейирэ)
мы си пащхьэ гущэм, уэй маржэ, измыгъуэтэж жи

Молэ Алиҳан еще тексты


Другие названия этого текста
  • Молэ Алиҳан - Šоԇэроҟ’э (0)
  • Молэ Алихъан - Шэджэрокъуэ (0)
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
Нет видео
-