Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Нэхущ Чэрим - Бжьыхьэ жэп | Текст песни

БЖЬЫХЬЭ ЖЭП…

Бжьыхьэ жэпым дыгъэр тепсэм,
Ар уэсэпсу мэкIуэдыж.
ФIыуэ слъагъум сыпIуплъамэ,
Си гукъеуэр сщхьэщокIыж.

МыIэрысэм игъуэр мыхъуу,
И мэ IэфIыр къыпимых.
Лъагъуныгъэр гум нэсакъым,
ЖыпIэу си псэр къыIумых.

Сызыпылъым и щхьэц фIыцIэр,
ЛъэныкъуитIкIэ еухуэн.
А хъыджэбзыр къыздэмыкIуэм,
Си гум дауэ ар техуэн.

Къуажэ пхъащIэм унэпщI-кIуэпщIу,
Бгыпхъэр захуэу яухуэнщ.
Си лагъунэр зэраухыу,
ЛIыгъуэу ядэм, сэ хуэзгъэщI.

Я нэхъ лъагэр Iуэщхьэмахуэщ,
ЩIэгъэкъуэни ар хуэмей.
Уэ узиIэм нэгъуэщI фIыгъуэ,
Сыщыхуейкъым мы дунейм.

Уэ узиIэм нэгъуэщI фIыгъуэ…
Сыщыхуейкъым дуней псом…


Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2
Видео
Нет видео
-