Псалъэ: Мамий А.
Макъамэ: А.
Дыгъэр пшэхэм къызэпхедз
Гугъапlэ бзийхэр зэбгыредз
Уэзыращ си псэм хэпщlар
Къэзгъуэту зэ сфlэкlуэдыжар
Уэ си гъащlэри пхьэхуат
Уэрэду сэ усхуаусат
Ауэ сфlощl пщlыхьым сыхэт
Си лъагъуныгъэр сlэщlэзыхыр хэт?
Уэ сыноджэ, къызэплъыжыт зэ си дахэ
Уэ сыножьэ, си нэгу къыщlыхьэж
Уэ сыноджэ, сызыдэхъум сэ гу махэ
Уэ сыножьэ, си деж къэгъэзэж.
Лъагъуныгъи зыхуэтщlат
Гу хэлъхэр дэ здэдгъэпэжат
Ауэ сэ къысхуэмыщlэж
Зи лъагъуныгъэр зыхэзыкъутэж
Си гум lэфlу укъинащ
Уи нитlыр пщlыхьу къысхуэнащ
Сыноджэж умыпlащlэж
Уи lэплlэр си пкъым зэ къегъэщlэж.
Черим Нахушев еще тексты
Видео
-
Nahush Cherim - UA SINOJA
Clip Cherim filmed in Kiev in the year 2008 www.facebook.com/NahushCherim Черим Нахушев ...
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1