Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Черим Нахушев - Щlалэгъуэ удж'2008 | Текст песни

Псалъэ: Думэн М.
Макъамэ: Думэн М.

Жэщ мазэгъуэм сеплъурэ мэкlуасэ
Гущlэм щыгъэпщкlуахэр мэпlейтей
Нэхущ вагъуэр кlуэжу пфlощl дыщасэ
Мазэ изым и нур дахэм деж.

Лъагъуныгъэр сфlощl дыщасэ кlуэжу
Си блэкlа насыпым деж
Си щlалэгъуэр и lэпэгъуу
Уджым сыныздыхешэж.

Дыхьэрэн нэкlущхьэу мазэ изым
И нур гуакlуэр си псэм изошэкl
Си губампlэ дэхыу гур щlэузым
И пшыналъэм си пкъыр изошэкl.

Джэгу сыхишэу сфlощlыр къыздилъыхъуэ
Сэ зэгуэр насып lэщlыб сщlыжар
Нэ дахитl уафэбгыри зи плъыфэу
Вагъуэ ижу пшэгум пхырыжар.

Измылъагъуэ уафэм нэ дахитlыр
Жэщ мазэгъуэ дахэм схуигъэфlар
Си бгырыдзэу зи lэхужь дахитlыр
Зы зэман мы сигу къедахэщlар.


Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 2
Видео
Нет видео
-